Адыгэ 1уэры1уатэр анэдэлъхубзэ урокым зэрыщезгъэдж щ1ык1эр
Кабардино-Балкарская Республика
Прохладненский муниципальный район
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа №2с.Карагач»
Адыгэ 1уэры1уатэр анэдэлъхубзэ урокым зэрыщезгъэдж щ1ык1эр.
(На конкурс методических разработок учителей кабардино-черкесского и
балкарского языков "Живи, родной язык!"
по направлению "Методика преподавания фольклора на уроках
кабардинской и балкарской литературы")
Работа учителя начальных классов
Люевой Мариты Мухамедовны
2020 г.
Кабардино-Балкарская Республика
Прохладненский муниципальный район
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа №2с.Карагач»
Адыгэ 1уэры1уатэр анэдэлъхубзэ урокым
зэрыщезгъэдж щ1ык1эр.
Лэжьыгъэр зейр : Лу Маритэ Мухьэмэд ипхъу
2020 гъэ
Адыгэ 1уэры1уатэр анэдэлъхубзэ урокым зэрыщезгъэдж щ1ык1эр.
Зытепсэлъыхьыр
1. Пэублэ псалъэ
2. Хэзыгъэгъуазэ.
3. 1ыхьэ нэхъыщхьэ
3.1. Псалъэжьхэм сызэрелэжь методхэмрэ приёмхэмрэ.
3.2. Къуажэхьхэм сызэрелэжь методхэмрэ приёмхэмрэ.
4. К1эух псалъэ
5. Къэзгъэсэбэпа литературэр.
6. Дэщ1ыгъухэр..
1.Пэублэ псалъэ.
Мы лэжьыгъэр къэбгъэсэбэп хъунущ адыгэ 1уэры1уатэм щыщу псалъэжьхэмрэ къуажэхьхэмрэ
пэщ1эдзэ классхэм щебгъэджк1э. Ар сэбэп мэхъу сабийхэм я хьэрхуэрагъэм хэгъэхъуэным,
еджэныгъэм сабийр дегъэхьэхынымк1э ди къалэныр жыджэру егъэзащ1э. Иджырей зэманым
информацэ къыздипхыфыныр егъэлеяуэ куэдщ ик1и къэгъуэтыгъуаф1эщ. Абы къыхэк1к1э сабийр
тхылъым дебгъэхьэхыну гугъу мэхъу. Мы лэжьыгъэм къыщыхьа методхэмрэ приемхэмрэ
егъэджак1уэм щ1эгъэкъуэн хуэхъунущ псалъэжьхэмрэ къуажэхьхэмрэ щригъэджк1э сабийхэр
кърыдихьэхыну. Ар сабийм щ1эныгъэ етыным имызакъуэу и акъылым зегъэужьыным и сэбэпщ.
2.Хэзыгъэгъуазэ.
Мы дунейм лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми 1уэры1уатэ и1эщ. 1уэры1уатэр ижь-ижьыж
зэманым ц1ыхубэм, лъэпкъым къагупсыса 1уэхугъуэщ. Къалэн зэмыл1эужьыгъуэхэр игъэзащ1эу
л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къэгъуэгурык1уащ ар. Абы и ныбжьыр лъэпкъым и ныбжьырагъэнущ. Адыгэ
лъэпкъым и дежк1э 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ. Абы ехъумэ хабзэри, нэмысри, л1ыгъэри.
1уэры1уатэм хохьэ: псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, таурыхъхэр,
псысэхэр, уэрэдхэр, нарт хъыбархэр, къебжэк1хэр, нэгъуэщ1хэри.
Ди зэманым 1уэры1уатэм и пщ1эр нэхъ лъахъшэ хъуащ. Ар епхащ телевиденэ, кино, интернет
хуэдэхэр къызэрежьам. Гъащ1эм и тхылъу щытар 1уэры1уатэрщ. Абы и ф1ыщ1эк1э сабийхэм
зэхалъхьэт хьэл-щэныф1хэр. Игъуэ къек1уу, и щ1ып1э къезэгъыу жып1а псалъэжьым
жы1эмыда1уэр игъэгупсысэнт, щхьэхынэр игъэук1ытэнт, зэф1энахэр зэригъэк1ужынт.
3.1ыхьэ нэхъыщхьэ
Адыгэ 1уэры1уатэм щ1ып1эшхуэ щеубыд псалъэжьхэм. Ахэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э
зэхищ1а, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зэк1элъыплъа 1уэхугъуэ гуэрхэм епхащ. Абыхэм къэхъу щ1эблэщ1э
ц1ык1ухэр ф1ым, пэжагъэм, зэхуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъум, хьэл-щэн нэхъыф1хэм хуагъасэ,
мыхъумыщ1эхэм щахъумэ. Адыгэ 1уэры1уатэр щызэдгъэц1ыхук1э сабийхэм зэхуахьэс я адэ-
анэхэм, анэшхуэ-адэшхуэхэм жа1эу зэхаха къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, нэщэнэхэр, жы1эгъуэхэр.
Псалъэжьхэм ди бзэр ягъэдахэ, нэхъ къулей, нэхъ шэрыуэ ящ1.
3.1.Псалъэжьхэм сызэрелэжь методхэмрэ приёмхэмрэ.
Пэщ1эдзэ классхэм щезыгъаджэ егъэджак1уэм сабийхэр хуеунэт1 псалъэжьхэр гъащ1эм
къыщагъэсэбэпыфу, я гупсысэхэм и пэжып1эр къра1уэтэфу. Анэдэлъхубзэ тхылъым ит
тхыгъэхэмрэ псалъэжьхэмрэ зэпхауэ и гупсысэ нэхъыщхьэр къигъэлъагъуэу щытщ:1ей пщ1ауэ,
ф1ы ущымыгугъ (Псысэ “Пц1ащхъуэ ц1ык1у”); Уэс щесам лъэужь и1эщ (Нало З. “Щ1ымахуэм”);
Уи бзэм уепц1ыжмэ, уи псэм уепц1ыжауэ аращ (Бозий Л. “Хъерлы зыгъэп1ейтейр”);
нэгъуэщ1хэри.
Псалъэжьхэм ущелэжьк1э, нэхъыщхьэу къызобж, абы и мыхьэнэр къэгъэнэхуэныр. Сабийхэм
саригъусэу псалъэжьыр зэпкърыдох: “Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд”.
Сабийхэм жа1э: хэт лажьэми и лэжьыгъэр гугъу ехьу егъэзащ1э, абы пщ1э хуащ1, ик1и илэжьам
къыпэк1уэ сомыр къелэжь. Лэжьэну хуэмейр гъуэгу пэжым ток1, мыхъумыщ1агъэ игу къок1. Абы
ар егъэпуд, ц1ыхум пщ1э къыхуамыщ1 мэхъу-егъэлъахъшэ.
“Уэс куэду къесмэ, гъавэр бэв мэхъу”. Псалъэжьым и мыхьэнэр зэпкърыдох. Сабийхэм жа1э:
гъавэр куэд хъунущ, уэс куэд къесмэ. Уэсым гъавэ хасар щ1ихъумэнурэ щ1ы1эм иригъэсынукъым.
Гъатхэр къэсу тк1ужмэ, гъавэр псы хуэныкъуэнукъым. Абы къыхэк1к1э гъавэр бэв хъунущ.
Мыпхуэдэ лэжьыгъэ дызэгъусэу едгъэк1уэк1а нэужь, сабийхэр гупищу соугуэшри, псалъэжь зырыз
я пащхьэм изолъхьэ. Абыхэм къалэн ящызощ1 псалъэжьхэм и мыхьэнэр къагъэгъэнэхуэну. Гупхэр
хьэзыр хъумэ я нэхъыщхьэр псалъэжьым къоджэри абы и мыхьэнэуэ къагъэнэхуар къыже1э.
Мыдрей гупхэр абы йода1уэ ик1и езыхэр зэрегупсысыр къыжа1э. Апхуэдэу гуп къэс я псалъэжьыр
зэпкърыдох. Мыпхуэдэ. лэжьыгъэм сабийхэр хуегъасэ псалъэжьхэм я мыхьэнэхэр къагъэнахуэфу.
Текст, гъащ1эм ехьэл1ахэр, щыдджк1э псалъэжьхэмрэ рассказымрэ я мыхьэнэхэр зэрызэплъыт
метод къызогъэсэбэп: Рассказым къоджэ, и гупсысэ нэхъыщхьэр къагъэнахуэ. Абы и ужьк1э
псалъэжь гуп интерактивнэ доскам къырызогъадзэ. Сабийхэр псалэжьхэм къоджэри рассказым и
гупсысэ нэхъыщхьэм иралъытри абы хуэк1уэр къыхах. Ар къыщ1ыхахар къыжа1э рассказым и
гупсысэ нэхъыщхьэмрэ лъэпкъым и 1ущагъыр къэзыхэщ псалъэжьхэмрэ зэралъытурэ.
Хьэхъупащ1э А. и рассказ “Щ1эин” жыхуи1эм фыкъеджи абы хуэк1уэн псалъэжьыр къыхэфх:
1.ЦӀыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым.
2.Хуэмыхум зимыгъазэурэ мазэр къуохьэж.
3.Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым
4.Нэмыс здэщымыӀэм насып щыӀэкъым.
5.Зэхьэзэхуэр мэунэри зэижитӀыр мэунэхъу.
6.Уи адэ-анэ яхуэпщӀ нэмысыр уи бынми къыпхуащӀыжынщ.
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм сабийхэм я гупсысэм, я зэхэщ1ык1ым зрегъэужь.
Псалъэжьхэм узэрелэжьын джэгук1эхэр:
1. Джэгук1э “Хэт хужып1э хъуну мы псалъэжьхэр?”
Сабийхэр гупит1у соугуэш. Япэ гупым псалъэжьхэр я пащхьэ изолъхьэ, ет1уанэ гупым а
псалъэжьхэр зыхужып1э хъунухэр къызэрыщ тхыгъэхэр ябгъэдызолъхьэ. Гупхэм я пащхьэм илъ
тхыгъхэр зэхуаугуэшри зэрагъэц1ыху. Япэ гупым щыщ еджак1уэр псалъэжьым къоджэ: “Жылэр
зыгъашхэр шхын щхьэкIэ малIэ”. Ет1уанэ гупым щыщ еджак1уэм а псалъэжьыр зыхужып1э
хъуныр къыже1э: зи гугъу ищIыр пщафIэрщ.
1. Алыхьыр ещIэ, ящIIамэ ешх. (Мылажьэу шхэм ауаныщIу хужаIэ.)
2. И гуащIэ хьэпIацIэм яхуехъумэ. (Гугъу зезымыгъэхьым хуэшхыдэу хужаIэ.
3. Пщэдеи махуэщ, къэунэхури мазэщ. (Щхьэхынэм и зэман гъэкIуэкIэм папщ1э хужа1э.)
4. Шу гъуогурыкIуэм бзыпхъэ трех. (ЦIыхубз дэрбзэр Iэзэм хужаIэ.)
5. Данэр лъапэкIэ зэрехуэ. (ЗэшыхуэпыкIауэ къэзыкIухь цIыхубзым хужаI э.)
6. Дунейр и жэнэтщ. (Тхъэуэ псэу ц1ыхум хужаIэ.)
7. Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъуехьым пэщIэту псэу ц1ыхум хужаIэ)
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм сабийхэр нэхъ куууэ ирегъэгупсыс псалъэжьхэр зыхужып1э хъуну
ц1ыхухэм.
2. Джэгук1э “Псалъэжьыр зытеухуа 1уэхугъуэр сыт?”
Мы джэгук1эм зы партэм сабий дэсит1ыр зэдоджэгу. Къэрэндащ зэмыфэгъуит1 къащтэ.
Зэгуро1уэри щхьэж зыхуей плъыфэр къыхах. К1ылъымп1э напэм зы къехыгъуэу псалъэжьхэр итщ,
ет1уанэ къехыгъуэу а псалъэжьхэр зытеухуа 1уэхугъуэхэр зэхэгъэхьэзырауэ итщ. Сабийт1ым
псалъэжьхэмрэ, ахэр зытеухуа 1уэхугъуэхэмрэ стрелкэ ц1ык1ук1э зэпащ1э. Лэжьыгъэр яухмэ я 1э
ц1ык1ухэр зэрыубыдауэ къа1эт.
1.Хэку зимы1эм псори щы1э къыщэхъу.
Хабзэмрэ нэмысымрэ
2.Хуэмыху унафэ щ1ыфнк1э 1эзэщ.
Къуэшыныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ
3.Уи адэ- анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи бынхэм
къыпхуащ1ыжынщ.
Л1ыгъэмрэ ц1ыхугъэмрэ
4.Гъэмахуэм умыгъэт1ылъа щ1ымахуэм
къэпщтэжыркъым.
Лэжьыгъэмрэ гуащ1эдэк1ымрэ
5.Бзурэ пэт абгъуэ ещ1.
Хуэмыхугъэмрэ щхьэхынагъэмрэ
6.Л1ы и псалъэ епц1ыжыркъым.
Хэкумрэ лъахэмрэ
7.Ныбжьэгъуншэ зэиншэ пэлъытэщ.
Дунейм и къэхъу къащ1эм
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм сабийм и зэхэщ1ык1ым хегъахъуэ. Псалъэжьхэр зытеухуа
1уэхугъуэхэр зэхагъэк1ыфу ирегъасэ. Къыхаха къэрэндащхэм я плъыфэмк1э къыбощ1э сабийхэм
я зэф1эк1ыр здынэсыр.
3. Джэгук1э “Пэщ1эдзэм к1эух хуэщ1”.
Мы джэгук1эм классым щ1эс сабийхэр гуп- гупу гуэшауэ мэджэгу. Гупым хэт сабийхэм къэрэндащ
зэмыфэгъу къащтэ. Зэгуро1уэри щхьэж зыхуей плъыфэр къыхах. К1ылъымп1э напэм псалъэжьхэм
и пэщ1эдзэр итщ, сабийхэм абы и к1эухыр патхэжын хуейщ.
Зэхьэзэхуэр мэунэри...........(зэижит1ыр мэунэхъу).
Гъатхэм жеяр...............(бжьыхьэм магъыж)
Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ.................(си Хэкужь сыщыл1э).
Куэд жызы1э нэхърэ.............(куэд зылэжь).
Бзур зы1этыр дамэщ, ...............(ц1ыхур зы1этыр акъылщ).
Псыпэр зэрыжэм, ...................(псык1эри ирожэ).
Ф1ым ф1ы пок1уэри, ...........................(1ейм 1ей пок1уэ).
Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, .......................(уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э).
Мы лэжьыгъэмк1э сабийхэм псалъэжьхэр зэращ1эр къриппщытэ мэхъу. Къыхаха къэрэндащхэм я
плъыфэмк1э къыбощ1э дэтхэнэми къигъэлъэгъуа зэф1эк1ыр.
4. Джэгук1э “Зы, щэ”.
Мы джэгук1эм ипкъ итк1э сабийхэм къащ1эжу къыжа1эн хуейщ мы бжыгъэхэр къызыхэщ
псалъэжьхэр:
Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ.
Зыш ягъэк1э шищэ псафэ яху.
Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.
Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж.
Мэлищэм зы мэл щыщ1эмэ, мэл щэныкъуэщ.
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм сабийхэр нэхъ куууэ егъэгупсысэ.
“Псалъэжьхэр иджырей зэманым” жыхуи1э проектым дызэрелэжь щ1ык1эр
Псалъэжьхэр нэхъыф1у ящ1эн, нэхъыф1у къагуры1уэн папщ1э проект лэжьыгъэ
ядебгъэк1уэк1 хъунущ. Мыпхуэдэ темэк1э “Псалъэжьхэр иджырей зэманым”.
Проектым и мурад: сабийхэм я псалъалъэр псалъэжьхэмк1э хэгъэхъуэн; абыхэм я зыхэзми я купщ1эр,
я мыхьэнэр гъэбелджылын; я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн; “Дыщэ пхъуантэ”- тхылъ ц1ык1у
зэхэгъэувэн, адыгэ псалъэжьхэр зытеухуа 1уэхугъуэхэмк1э зэхэгъэк1уауэ щызэхуэхьэсыжауэ.
Проектым зэрелэжь этапхэр:
1. Темэм ехьэл1а урокхэр егъэк1уэк1ын.
2. Сабийхэм псалъэжьхэм ятеухуауэ зыщыгъуазахэмк1э урокым щызыдоугуашэ, я нэщэнэ
нэхъыщхьэр къыхагъэщыну иужь итхэщ: “Псалъэжьхэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1э,
л1эщ1ыгъуэк1эрэ зык1элъыплъа 1уэхугъуэ гуэрхэм ехьэл1ащ”.
3. Зыщагъэгъуазэну къалъыхъуэ 1уэхугъуэ зэмыл1эужьыгъэхэм епха адыгэ псалъэжьхэр.
4. Псалъэжь зэхуахьэсхэр гуп-гупу зытеухуа 1уэхугъуэхэмк1э зэхагъэщхьэхук1.
5. Тхылъ ц1ык1ур зэрызэхагъэувэн хуей хабзэм тету зэрагъэпэщ.
6. Классщ1ыб еджэным хухэха урок тхылъым и гъэпсык1эмк1э егъэк1уэк1ын.
7. Тхылъым ф1эщыгъэц1э хуэтщ1ынымрэ хэзыгъэгъуазэм тетхынымрэ дызэгъусэу долэжь.
Лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ам сабийхэм псалъэжьхэм хуа1э интересхэр нэхъ лъагэ ищ1ащ.
Сабийхэм я бзэм псалъэжь нэхъыбэрэ къыщагъэсэбэп хъуащ, псалъэжьхэр къагупсысыным
яф1эгъэщ1эгъуэну елэжьащ. Анэдэлъхубзэ урокхэм текстым дыщелэжьк1э псалъэжь
кызыхэпщ1ык1 хъуну жы1эгъуэхэрэ къыхагъуэтэф хъуащ.
Саийхэм къагуры1уэу зэрагъэсащ псалъэжьхэм я къулеягъыр, я губзыгъагъэр и купщ1эм и
куууагъыр. Псалъэжьхэм теухуауэ я щ1эныгъэр езыхэм зэхагъэува тхылъ ц1ык1ум хьэлэмэтым
къыщагъэлъэгъуащ.
3.2.Къуажэхьхэм сызэрелэжь методхэмрэ приёмхэмрэ.
Къуажэхьхэри жыжьэ къыщожьэ. Ахэр адыгэ 1уэры1уатэм и зы купщ1эщ. Мыхэр лъэпкъым и
губзыгъагъэм, абы и1э акъыл жаным, псалъэ дахэ 1урылъхэм я лъэужьщ. Ахэр епхащ
хьэк1экхъуэк1эхэм, унэ псэущхьэхэм, ц1ыхур зыщыгъуазэ къэхъукъащ1эхэм. Къуажэхьхэм
къагъэлъагъуэ ц1ыхум и зэхэщ1ык1ыр, и гулъытэр, и губзыгъагъэр, и къарур. Къуэжыхь джэгуным
балигъхэри сабийри дихьэхырт. Къуажэ зэгъунэгъухэр щызэпеуи
къэхъурт, хэт и къуажэхьыр нэхъ гъэщ1эгъуэнми, нэхъ къэщ1эгъуейми зэхагъэк1ыну
я мураду. Къуажэхьыр къыпхуэмыщ1эмэ, къуажэ, ептын хуейт.
Къуажэ къратар трамыхыжын щхьэк1э, абы тебжэрт: «Ф1ыгъуэу
дэлъыр къэзыхь, къэзышх, къыдэзыгъэк1и псы изык1эж, стезыхыжынур адакъэшым тесу,
щ1опщ пагуэжь и1ыгъыу къренэ!».
1. Къуажэхь къэтщ1эфу зыдогъасэ. Къуажэхьыр бзаджагъэ хэлъу зэхэгъэува упщ1эщ. Ахэр
к1эщ1щ, усэм хуэдэу зэхэлъхьащ, 1уэхугъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм ятеухуащ. Къуажэхьхэм
ущелэжьк1э нэхъыщхьэу къызобж ар зытепсэлъыхьыр сабийхэм къагурыгъэ1эныр, къащ1эфу
егъэсэныр. Абы ипкъ итк1э къызогъэсэбэп къуажэхьхэм зэрелэжьын хуей 1эмалыр:
1. Къуажэхьым быдэу едэ1уэн.
2.Зытеухуар къэгъэбелджылын.
3. Псалъэ дэ1эпыкъуэгъухэр къыхэгъэщын.
4. Тэмэму, пэжу, псалъэ дэ1эпыкъуэгъухэр кыхэгъэщурэ къеджэн.
Къуажэхьым дызэгъусэу долэжь. Сыкъоджэ, сабийхэр быдэу къода1уэ.
“Цыпхыдзэр зи пащ1э
Хуэмып1ащ1эу дзыгъуащэ
Гуащэ жьант1эм дэмык1
Зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу”. (Джэду)
Къуажэхьым и зытеухуар догъэбелджылы.
Мы сыкъызэджар сыту п1эрэ зытеухуар?
Сабийхэм жа1э: псэущхьэм теухуащ.
Къуажэхьым зыхэзыгъапщк1уэ псалъэ дэ1эпыкъуэгъухэр къыдогъуэт.
Сабийхэм жа1э: цыпхыдзэр зи пащ1э.
Пащ1э сыт хуэдэ псэущхьэхэм тет?
Сабийхэм жа1э: хьэхэм, джэдухэм, бажэхэм, дыгъужьхэм, нэгъуэщ1хэми.
Иджыри сыт хуэдэ псалъэ дэ1эпыкъуэгъу хэт мы къуажэхьым?
Сабийхэм жа1э: дзыгъуащэ.
Къевбжэк1а псэущхьэхэм дзыгъуэ ещэр сыт хэдэ псэущхьэра?
Сабийхэм жа1э: джэдум, бажэм, дыгъужьым.
Иджыри сыт хуэдэ псалъэ дэ1эпыкъуэгъухэр хэт мы къуажэхьым?
Сабийхэм жа1э: гуащэ жьант1эм дэмык1. Къевбжэк1а псэущхьэхэм дэтхэнэра гуащэ жьант1эм
дэмык1ыр?
Сабийхэм жа1э: джэдур. Къуажэхьыр къэфщ1ащ. Ар къэтщэным сыт дэ1эпыкъуэгъу
къытхуэхъуар?
Сабийхэм жа1э: къуажэхьым хэгъэпщк1уауэ хэт сэбэп хъу псалъэхэр. Къуажэхьым къыджи1ат
псэущхьэр зи хуэдэр, и дуней тетык1эр, ауэ езыр сытми къыджи1атэкъым.
2.Къуажэхь зыхэдгъэувэфу зыдогъасэ.
Классым щыщ зы сабийм хьэндыркъуакъуэ къызэрыщ сурэт изогъэлъагъу. Абы сурэтым итыр
сытми жи1экъым, ауэ ар зищ1ысыр къащ1эн папщ1э, ар зэрыщытыр и дуней тетык1эр яжре1э:
“бадзэ ешх, шэдым щопсэу, ф1ыуэ мапк1э.”
Сабийхэм ар зищ1ысыр къащ1эри, иджыри абы и щытык1эм и теплъэм хужып1э хъуну
псалъэхэр дыщ1агъу. Дызэгъусэу къуажэхь зэхыдогъэувэ.
“Шэдым хэсын зи ф1эф1у, бадзэ ц1ык1ухэр зи шхыныгъуэ”
Сыт хьэндыркъуакъуэм щ1ымахуэм ишхыр? Сабийхэм жа1э:щ1ымахуэм ар мэжей.
Къуажэхьыр щызыхэбгъэувэк1э и теплъэр, и щытык1эр, илэжь 1уэхугъуэхэр къэбгъэсэбэпын
хуейщ.
Мыпхуэдэ лэжьыгъэ езгъэк1уэк1э нэужь сабийхэр гуп-гупу соугуэш. Гуп къэск1э псэущхьэ
къызэрыщ сурэт я пащхьэм изолъхьэ. Мурад ящызощ1 а псэущхьэм теухуауэ къуажэхь
зэхагъэувэну ик1и сыт хуэдэ 1уэхугъуэм тету зэхэгъэувами къыжа1эжыну.
Япэ гуп -хьэ, ет1уанэ гуп- жэм, ещанэ гуп - адакъэ. Гупхэр хьэзыр хъумэ я нэхъыщхьэу
къыхахахэм жэуап къат.
Япэ гуп.
Си1эщ сэ ныбжьэгъу сакъ,
Сытк1и сыкъехъумэ.
Ди псэуалъэр зэ1ухащ,
Зым дыщымышынэ. (Хьэ)
Къуажэхьыр псэущхьэм игъэзащ1э лэжьыгъэм теухуауэ зэхэдгъэуващ.
Ет1уанэ гуп.
Ди 1уэм щ1этщ дэ зы псэущхьэ,
Къижьэгъуэшхыр къыпхуэмыщ1э,
И бжьакъуэшхуэм иропагэ,
Шэ п1эп1ук1э дэ дегъэгуф1э. (Жэм)
Къуажэхьыр щызэхэдгъэувэм псэущхьэм и теплъэмрэ и сэбэпынагъэмрэ къэдгъэсэбэпащ.
Ещанэ гуп.
Уэрэд жьгъырур къытхуришу,
Пщэдджыжьыпэм бжыхьым ф1эсщ.
Ди дыгъэшхуэр хэжеяуэ
Къигъэушу сэ кысф1ощ1. (Адакъэ.)
Мыпхуэдэ лэжьыгъэм сабийхэм я гупсык1эм, я бзэм зэрегъэужь.
4. К1эух псалъэ.
Мы 1уэхущ1афэр сэбэп хуохъу сабийхэр еджэныгъэм дегъэхьэхынымк1э. Сабийхэм тхылъ
адыгэбзэк1э тхахэм еджэгъуейуэ еджэмэ мыпхуэдэ лэжьыгъэм иужьк1э, шэч хэмылъу, тхылъым
нэхъ дихьэх, нэхъ еджэрей ещ1. Сабийхэм адыгэ псалъэжьхэр , къуажэхьхэр нэхъ куууэ яджыным
я гур хуэпабгъэ ищ1ынущ.
5. Литературэ къэзгъэсэбэпахэр.
1.«Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр».-урокым щаджым нэмыщ1 къызэджапхъэ тхыгъэхэр, 3-4
классхэм папщ1э.
2.Ержыб Аслъэн , Анэдэлъхубзэ е 2- нэ класс.
3.Сонэ Абдулчэрим, Дол Хъусен, Анэдэлъхубзэ е 3- нэ класс.
4.Кугъуэт Лол, Кугъуэт Елизаветэ, Анэдэлъхубзэ е 4- нэ класс.
5.Сыкъун Хь. Хь, Сыкъун И. Хь., Къэбэрдей-шэрджэс-урыс-инджылыз-тырку словарь
6. Шаов, К . Г . Адыгские пословицы и поговорки . Издательство: Нальчик: Эльбрус.
7. КъардэнгъущI Зырамыкущ. “Адыгэ псалъэжьхэр”.
Информационнэ ресурсхэр:
1.Адыгэбзэ - адыгэпсэ 1уэры1уатэ дыщэ пхъуантэ, proshkolu.ru http://yandex.ru/clck/jsredir
2.1уэры1уатэ, stapico.ru, http://yandex.ru/clck/jsredir
Дэщ1ыгъу 1.
Темэр: «Адыгэ 1уэры1уатэм батэ егъэш».- гуп зэпеуэ
Мурадхэр: адыгэ 1уэры1уатэм и къулеягъым и губзыгъагъым куууэ сабийхэр щыгъэгъуэзэн;
абыхэм я гупсысэ нэхъыщхьэр, я1э щхьэхуэныгъэхэр.
Хуэзыгъасэ: я гупсысэр къа1уэтэфу, щ1эрыщ1э къащ1ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн, я творческэ
зэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн.
Гъэсэныгъэм ехьэл1ауэ: еджак1уэхэр 1эдэбагъым, дахагъэмрэ пэжыныгъэмрэ щ1экъуным
къыхуеджэн, апхуэдэ гурыщ1эхэр адыгэ 1уэры1уатэмк1э зэхегъэщ1эн, ф1ыри 1ейри зыхащ1эфу
егъэсэн.
Зэрагъэгъуэтын хуей щ1эныгъэхэр
Предметнэ: адыгэ 1уэры1уатэм теухуауэ я щ1эныгъэр егъэф1эк1уэн, сабийхэм я бзэм, я
зэхэщ1ык1ым зегъэужьын.
Метапредметнэ: зэгъусэу щыздэлажьэк1э, щызэпсалъэк1э я зэхуакум зэгуры1уэныгъэ дэлъу,
сабийр гупым хэту лэжьэным хуегъасэ: лэжьыгъэ ягъэзащ1эм теухуауэ хэт жи1эми едэ1уэф1у,
абыхэм нэхъ тэмэм жэуапыр зэгъусэу къыздыхахыфыным хуеущий; я бзэм хуэшэрыуэу я
гупсысэр къэ1уэтэным хуегъасэ.
Личностнэ: сабийхэм анэдэлъхубзэр яджыным дегъэхьэха мэхъу; нэгъуэщ1 ц1ыхум пщ1э
хуащ1у, 1эдэбу хущытыным хуегъасэ.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:гуп зэпеуэхэм я лэжьыгъэхэр, интерактивнэ доска.
Хэтынухэр: егъэджак1уэ езыгъэк1уэк1ыр, жюри, ещанэ классым щ1эс еджак1уэхэр гупит1у
гуэшауэ.
Ди зэпеуэр мыпхуэдэу гуэшауэ щытынущ.
1. Гупхэр зэгъэц1ыхун.
2. Псалъэжьхэр.
3. Таурыхъхэр.
4. Псынщ1эрыпсалъэхэр.
5. Усэхэр.
6. Нэщэнэхэр.
7. Синквейн.
Егъэджак1уэм:
Аращи щ1ыдодзэ ди зэпеуэм: Мы утыкум иджыпсту щызэпеуэнущ гупит1. Абыхэм я
ц1эхэри дахэщ езы ц1ык1ухэм хуэдэу- «Джэрпэджэж», «Лэгъупыкъу». Къызогъэблагъэ гупит1ыр
утыкум.
Лэжьыгъэ къэс балл бжыгъэ яхуэвгъэувынур «1»-м къыщыщ1эдзауэ «5»-м нэск1эщ.
1. Япэ лэжьыгъэр – «Зэгъэц1ыхун» (гупым я ц1эр, ф1эхъус жа1эн)
Утыкум къыдогъэблагъэ «Джэрпэджэж» гупыр.
Фи махуэ ф1ыуэ, жюри лъап1эм, егъэджак1уэхэм, «Лэгъупыкъухэм»! Псоми, псоми сэлам гуапэ
дыдэ фыдох.
«Джэрпэджэж» фIэтщащ ди гупым.
Ерыщу псоми дыпэщIэтщ
«Лэгъупыкъум» деныкъуэкъунщ,
ТекIуэныгъэр къэттхьэкъунщ.
Утыкум къыдогъэблагъэ «Лэгъупыкъу» гупыр – зыкъыдагъэц1ыху.
Фи махуэ ф1ыуэ, жюри лъап1эм, егъэджак1уэхэм, «Лэгъупыкъухэм»! Псоми, псоми сэлам гуапэ
фыдох.
Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»
«Джэрпэджэжым» доныкъуэкъу!
Еджэным сыткIи дыхуэIэзэщ,
Нобэ дызэрытек1уэным дыщыгъуазэщ
Адыгэхэм я дежк1э 1уэры1уатэм и мыхьэнэр ин дыдэщ. Абы ехъумэ хабзэри,
нэмысри, л1ыгъэри. Адыгэ 1уэры1уатэм ящыщщ псалъэжьхэр. Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм
къыщагъэсэбэп. Абыхэм бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр
кIыхьщ. Деплъынщ псалъэжьхэр зэрыфщ1эм
2. Ет1уанэ лэжьыгъэр - Псалъэжь зэпеуэ.
Хэт хужып1э хъуну мы псалъэжьхэр, гупхэм гъуэрыгъуэу жэуап къат
1. Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкIэ малIэ. (Зи гугъу ищIыр пщафIэрщ.)
2. Алыхьыр ещIэ, ящIIамэ ешх. (Мылажьэу шхэм ауаныщIу хужаIэ.)
3. И гуащIэ хьэпIацIэм яхуехъумэ. (Гугъу зезымыгъэхьым хуэшхыдэу хужаIэ.
4. Пщэдеи махуэщ, къэунэхури мазэщ. (Щхьэхынэм и зэман гъэкIуэкIэм папщ1э хужа1э.)
5. Шу гъуогурыкIуэм бзыпхъэ трех. (ЦIыхубз дэрбзэр Iэзэм хужаIэ.)
6. Данэр лъапэкIэ зэрехуэ. (ЗэшыхуэпыкIауэ къэзыкIухь цIыхубзым
хужаI э.)
7. Дунейр и жэнэтщ.(Тхъэуэ псэу ц1ыхум хужаIэ.)
8. Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъуехьым пэщIэту псэу ц1ыхум хужаIэ)
3. Ещанэ лэжьыгъэр - Таурыхъхэм я ф1эщыгъэц1эр къэщ1эн.
Егъэджак1уэм: гуп къэс тхыгъэ пычыгъуэ т1урыт1 я пащхьэм ярелъхьэ.
«Лэгъупыкъу» гупым:
1……Аргуэру йожьэжри, кIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, къуажэ гуэрым блэкI пэтрэ, хьэдэ дахыу
ирохьэлIэ.
- Мы дахыр лIауэ пIэрэ, псэууэ пIэрэ?- жи лIыфIым.
ЩIалэм зрегъэлъэтэх аби, цIыхум яхохьэ, мыгувэу къегъэзэжри:
- Мыбы дахыр илъэс минкIэ псэууэ щIэлъынущ, - жи….. (Нысэ губзыгъэм и тарыхъ)
2.….. Мы хьэдрэт хъун хьэщIэм, хабзэ имыщIэу къыщIэкIри, Iэнэр иухъуэнщIащ, - жи.-
ПсынщIэу зыгуэр сегъапхъуэ!
- Алыхь, узэзгъэпхъуэн симыIэ, - жи унэгуащэм.- СиIэри симыIэри зэхэздзэщ аби, а Iэнэ закъуэр
зэзгъэпэщауэ арат ...(Хъэщ1эмыгъашхэм и псысэ)
«Джэрпэджэж» гупым;
1. ….Хъарбыз къуэлэныжьыр Iэнэм къытрелъхьэри IэдакъэсэкIэ бзыгъэ-бзыгъэу еупщIатэ.
- Иджыпсту пщым я хъарбыз шхыкIэм фыкъеплъ!- жери хъарбызыку къабзэр щIегъэмэракIуэ.
- Иджы уэркъым я хъарбыз шхыкIэр фызогъэлъагъу!- жери хъарбыз бзыгъэхэр къригъэжурэ ешх.
(Хъуэжэ и хъарбыз шхык1эр).
2. Пхъэ къыхуишэуIуоувэжри, пщэдджыжь гуэрым мэз макIуэ аби, и шыр хъуэкIуэну еутIыпщ,
езым пхъэ пиупщIыну хохьэ. Куэд дэмыкIыу пхъэIэплIэшхуэ къыхелъэфри къыхокIыж.
КъыхэкIыжмэ - Мыщэмрэ Бажэмрэ зэкIэсу шэсауэ и алащэжьыр кърахуэкI, пщIэнтIэпсыр
къыпыжу.(Къуиижь ц1ык1у бажэр къуэш зэрищ1ар)
Жюрим нэхъ къыхэжэнык1а гупыр къыжа1э лэжьыгъит1ымк1э.
Егъэджак1уэм: Ди джэгу зэпеуэр щIэдгъэхуэбжьэнщ жызоIэр. АбыкIэ дэ сэбэп
къытхуэхъуфынущ псынщIэрыпсалъэ зэпеуэр.
4. Епл1анэ лэжьыгъэр - Псынщ1эрыпсалъэ зэпеуэ. ГупитIми фызот тхэлъымпIэ напэ зырыз.
Абы ит псыщIэрыпсалъэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къыжыфIэ.
«Лэгъупыкъу» гупым:
1.Мо псыхъуэм мывопц1э ц1ык1у дэлъыр уи закъуэ уи мывопц1э ц1ык1у? Ар псоми ди зэхуэдэ
мывопц1э ц1ык1ущ.
2. Мо шы къарэ лъакъуэху нат1эгъуджэр фи шы къарэ лъакъуэху нат1эгъуджэ хьэмэ ди шы къарэ
лъакъуэху нат1эгъуджэра
«Джэрпэджэж» гупым;
1.Нанэрэ дадэрэ зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж, зэблопсэлъык1э-къызэблопсэлъык1ыж.
2. Мо бжэкъуагъым къуэлъ жыхапхъэр унащхьэмк1э щхьэпрызут1ыпщык1,
къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж, щхьэпрызут1ыпщык1, къыщхьэпрызут1ыпщы-
к1ыж.
ПсынщIэрыпсалъэхэр ягъэхьэзыруху таурыхъныбэхэм я гушы1эк1э дедэIуэнщ
Утыкур хуит худощ1 Мысрокъуэ Дианэрэ Пщыук1 Сатэнейрэ:
«Таурыхъныбэхэм я гушы1эк1э» Нало Заур
Дианэ: Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы къуажэ гуэрым зы ЖыIэрэ зы ЖумыIэрэ дэсти, дзейуэ зэгухьэри,
зэдежьащ. КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ, псышхуэ гуэрым хуэзащ, Шэчэрыжь хуэдиз хъууэ.
Дианэ: Нелъэ, ЖыIэ!
Сатэней: Нелъэ, ЖумыIэ! ..
Дианэ: ЖыIэ лъэри псым зэпрылъащ. Дэтхэнэра иджы къэнар?
Сатэней: ЖумыIэр.
Дианэ: Хъунщ-тIэ, жысIэнкъым.
Сатэней: Хьэуэ, хьэуэ: ЖыIэращ къэнар!
Дианэ: НтIэ, ЖыIэр къэнамэ, дэтхэнэра елъар?
Сатэней: ЖумыIэр.
Дианэ: Хъунщ-тIэ, жысIэнкъым.
Сатэней: Хьэуэ, хьэуэ: ЖыIэращ елъар!
Дианэ: Хъунщ-тIэ, жысIэнщ: Еуэрэ-еуэрэт, жи .. - жаIэри, псысэр кърагъажьэ аби, жаIэ.
Фыпсэу, Сатэнейрэ Дианэрэ.
5.Етхуанэ лэжьыгъэ- Усэ къеджэнк1э зэпеуэ.
-Егъэджак1уэм:
«Лэгъупыкъу» гупым щыщ еджак1уэр (усэ къоджэ)
«Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» Нало Заур
Сэ си нанэр папэм янэщ,
И псэр адыгэпсэщ.
Сэ си дадэр папэм ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.
Адыгэпсэ, нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ, дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!
Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр?
Ар йопсалъэ Дыгъэм.
Сыту ф1ыщэт уэ, ди Дыгъэр,
Узэрыадыгэр!
«Джэрпэджэж» гупым щыщ еджак1уэр (усэ къоджэ)
«Джэду ц1ык1у» Нало Заур
Д жэду ц1ык1ур къэушащ,
И к1эр задэу и1этащ,
И бгыр лъагэу къыдишащ,
А р ин дыдэу къэхущхьащ.
Къэушами жейбащхъуэнэщ,
И нэ ц1ык1ухэр зэтепіащ,
И жейбащхъуэр трихуну,
Зитхьэщ1ыну къэт1ысащ,
Сабын папщ1эу и бзэгу ц1ык1ур
И лъабит1ым къыщихуащ.
Дэ1эбейри и нэ1у ц1ык1ур
Къабзэ дыдэу итхьэщ1ащ.
-Жюрим нэхъ къыхэжэнык1а гупыр къыжа1э.
- Егъэджак1уэм: Ди зэпеуэм зы лэжьыгъэ щыдгъэзэщ1эжынщ.
6.Еханэ лэжьыгъэ - «Нэщэнэ» зэпеуэ.
Адыгэ 1уэры1уатэм щыщщ нэщэнэхэри. Ахэр ижь- ижьыж лъандэрэ гу зылъата
1уэхугъуэхэм къыхэк1ащ. Ар епхащ къэхъуну- къэщ1эным. Нэщэнэхэм ц1ыхум и
зэхэщ1ык1ым зрагъэужь, ар гъащ1эм нэхъыф1у щыгъуазэ ящ1.
Гуп къэск1э фи пащхьэм илъщ нэщэнэхэм я къыщ1эдзап1эр т хауэ. Абыхэм и к1эухыр
къыпыфт хэж. Зывгъэхьэзыри фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ
дедэ1уэнщ.
«Лэгъупыкъу» гупым:
1. Бжьыным фэ куэд телъмэ….. (щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу, жа1э).
2. Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ ……..(уэлбанэ хъунущ, жа1э).
3.Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэжмэ…..(уздэк1уэр къохъул1энукъым, жа1э).
4.Махуэр уэму, дыгъэр гуащ1эу къепсмэ …….(мыгувэу уэлбанэ хъунущ, жа1э)
«Джэрпэджэж» гупым:
1. Уэшх нэужьым лэгъупыкъу къищ1мэ ……(уэф1 мэхъу, жа1э).
2. Къуаргъхэр зэрызехьэмэ …….(уэлбанэ мэхъу е уэс къос, жа1э).
3.Былым къозытар хущ1емыгъуэжмэ ……(пхуобагъуэ, жа1э).
4 Хьэм удз ишхмэ ……(гъавэр бэв хъунущ, жа1э).
-Жюрим нэхъ къыхэжэнык1а гупыр къыжа1э.
7. Ебланэ лэжьыгъэ - «Синквейн». Гуп къэс интерактивнэ докам деж синквейн
щызэхагъэувэ. (псалъэхэр доскам итщ)
«Лэгъупыкъу» гупым: «Псалъэжь» псалъэм синквейн хузэхэлъхьэн.
Псалъэж ь
1ущ, пэж
Къыбдо1эпыкъу,уегъэгупсысэ, урегъаджэ,
Ц1ыхум и нэгу щ1эк1а 1уэхугъуэщ.
Лъэпкым и губзыгъагъым и щыхьэт.
«Джэрпэджэж» гупым : «Таурыхъ» псалъэм синквейн хузэхэлъхьэн.
Таурыхъ
Гъуэзэджэ, дахэ
Дыхурегъаджэ, къыыддо1эпыкъу, дыхуегъасэ
Занщ1эу удэзыхьэх тхыгъэ хьэлэмэтщ.
Пэжыныгъэм и щыхьэт.
-Жюрим нэхъ къыхэжэнык1а гупыр къыжа1э.
Жюрим: Гуп тек1уам саугъэтхэр идот. Пашэныгъэр куэдрэ Тхьэм къывит! Фэри, ц1ык1ухэ,
сынывохъуэхъу ехъул1эныгъэ фи1эну!
Егъэджак1уэ:
Адыгэ 1уэры1уатэр дигу къэдгъэк1ыжащ, дриплъэжащ.
Рефлексия
Щ1эуэ сэ къэсщ1ащ …..
Нэхъ къызэхъул1ащ…..
Нэхъ къызэгугъуэк1ащ….
Хьэлэмэт къысщыхъуащ….
Унэм щ1эсхэм яжес1эжынущ…..
Нобэрей ди зэ1ущ1эр зэхуэтщ1ыжыну си гуапэщ хъуэхъук1э.
Хъуэхъу: Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу,
дыгуф1э дытхъэжу дызэдэпсэуну сохъуахъуэ.
Нобэ ди зэпеуэм къытхуеблэгъа, дызыгъэгушхуа ди хьэщ1э лъап1эхэм сабийхэми «Берычэт
бесын!» вжызо1э. Тхьэ арэзы къыфхухъу! Узыншэу фыщытхэ!
Зэпеуэр джэгук1э зэхуэщ1ыжын.
Дэщ1ыгъу2.
Еджак1уэм иригъэк1уэк1а къэхутэныгъэр теухуащ адыгэ 1уэры1уатэм щыщ 1ыхьэ гъуэзэджэм-
псалъэжьхэм. Абы мы лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуащ псалъэжьхэр зищ1ысыр, ар къыщежьэ
лъэхъэнэр.1уэхугъуэ зэмыл1эужьыгъуэм теуху псалъэжьхэр я мыхьэнэхэр на1уэ къищ1ащ.
Лэжьыгъэр езыгъэк1уэк1а сабийм же1э: “Псалъэжьхэр дджымэ ди бзэм зиужьынущ, ди
зэхэщ1ык1ым хэхъуэнущ, ди дуней еплъык1эм зихъуэжынущ”.
Еджак1уэм псалъэжьхэм къызэранэк1а гъуэгуанэр зрегъащ1э, ахэр щ1еджык1,1уэхугъуэ
зытеухуахэмк1э зэхегъэк1ыж.
Исследовательскэ проект "Псалъэжьхэр догъэлъап1э” - жыхуи1эм щызэхуэхьэсащ адыгэ
псалъэжьхэр. Мыр къэбгъээбэп хъунущ пэщ1эдзэ классхэм псалъэжьхэр щебгъэджк1э
Зытепсэлъыхьыр
1.Пэублэ псалъэ
2.Хэзыгъэгъуазэ.
3.Псалъэжьхэр- адыгэ1уэры1уатэм щыщ 1ыхьэщ.
4.Псалъэжьхэр къыщежьар.
5.Псалъэжьхэр зэпкърыдох.
6.Классщ1ыб лэжьыгъэ псалъэжьхэм ятеухуауэ изогъэк1уэк1.
7.К1эух псалъэ.
8.Къэзгъэсэбэпа литературэр.
9.Дэщ1ыгъухэр.
Пэублэ.
Сыщыц1ык1унит1эм щыщ1эдзауэ сэ зэхэсхырт си анэмрэ си анэшхуэмрэ усэм ещхьу жы1эгъуэ
к1эщ1 ц1ык1ухэр жа1эу. Иужьк1э сэ къызгуры1уащ ар Адыгэ 1уэры1уатэм щыщ 1ыхьэу
зэрыщытыр, зэрыпсалъэжьыр. Анэдэлъхубзэ урокхэм дэ егъэджак1уэм и гугъу къытхуищ1ащ
адыгэ псалъэжьхэм, абы и мыхьэнэхэм. Дэри урокым и к1уэц1к1э лэжьыгъэ
зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э псалъэжьхэм делэжьащ. А урокым щызэхэсхам сэ сыдихьэхащ, ик1и
сигу ислъхьащ псалъэжьхэм нэхъ кууэ селэжьыну, проектно - исследовательскэ лэжьыгъэ
“Псалъэжьхэр догъэлъап1э”- жыхуи1эр згъэхьэзырыну.
Проектнэ- исследовательскэ лэжьыгъэм и актуалнагъыр: иджырей сабийхэм псалъэжьхэр ф1ыуэ
ящ1эркъым, абыхэм я мыхьэнэри тэмэму къагуры1уэркъым. Псалъэжьхэм къыхощ ди лъэпкъым
и губзыгъагъыр, и 1ущагъыр. Абыхэм уи бзэр къулей ящ1, уи гупсысэр нэхъ зэгъэк1уауэ
къыжып1эным сэбэп хуохъу. Псалъэжь джыным уи гупсысэк1эм, уи дуней еплъык1эм зрегъэужь.
Дэ- щ1эблэщ1э ц1ык1ухэр, ф1ым, пэжыгъэм, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъу щ1ыныгъэм
дыхуагъасэ, щ1эпхъэджагъэм, ц1ыхугъэншагъэм дыщахъумэ.
Си мурыдыр: псалъэжьхэм иджырей зэманми дызэрыхуейр, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ
зэра1эр къэгъэнахуэныр.
Къэсхутэр: адыгэ лъэпкъым и псалъэжьхэр.
Къалэнхэр:
-темэм теухуа тхылъхэр щ1эджык1ын;
-псалъэжьхэр къыщежьар зэгъэщ1эн;
-темэ зытеухуахэм ипкъ итк1э псалъэжьхэр зэхэгъэк1ын;
- “Псалъэжьхэр фщ1эуэ п1эрэ”- жыхуи1э темэм теухуауэ анкетирование епл1анэ классым
щегъэк1уэк1ын.
Методхэр:
-информацэ зэхуэхьэсын;
-зэгъэпщэныгъэ метод;
-анкетированэ;
1уэхугъуэр зэриуха щ1ык1эр зэпкърыхын.
Псалъэжьхэр.
Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар – адыгэщ, бзэуэ я1урылъар адыгэбзэщ. Зи бзэр
зыфIэмыIэфIрэ зыфIэмыдахэу мы дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым. Адыгэбзэр лъэп-
къым игущ, и псэщ, зэрылъэпкъыр зыгъэбелджылы нэщэнэщ. Ди бзэр къулей, шэрыуэ ящ1
псалэжьхэм. Ахэр ц1ыхум и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1а, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зэк1элъыплъа
1уэхугъуэ гуэрхэм епхащ.
Псалъэжьхэм лъэпкъым и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, и акъылыф1агъэр къегъэлъагъуэ. Абыхэм
я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ. Псалъэжьхэм гуф1эгъуи, гузавэгъуи, гушы1и,
нэщхъеягъуи, лъагъуныгъи къыхощ . Ахэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Псалъэжьхэр
къыддо1эпыкъу ди лъэпкъым къызэринэк1а зэманыр зи хуэдэр къэтщ1энымк1э,
къыдгуры1уэнымк1э. Ахэр шэрыуэу уи бзэм къыщыбгъэсэбэпмэ, къода1уэхэр къыдыбохьэхыф,
пщ1э лей къыпхуащ1 мэхъу. Псалъэжьхэр к1эщ1 щхьэк1э гупсысэ куук1э гъэпсащ. Абыхэм
узэрыпсэуну щ1ык1эм ухуагъасэ.
Псалъэжьхэр къыщежьар.
Псалъэжьхэр ижь-ижьыж зэманым къежьащ, ик1и адыгэ лъэпкъым къызэринэк1а и
л1эжьыгъуэхэм и к1ыхьагък1э къыдэгъуэгурык1уащ. Зэманыжьым ц1ыхум и унагъуэр зыхуей
зэрыхуигъэзэн къудейр аратэкъым зэгупсысыр, ат1э къэзыухъреихь дунейр зыгуригъэ1уэну яужь
итт. Дунейм и къэхъукъащ1эхэм и хъуреягъым щек1уэк1хэм к1элъыплът, зэрилъытт, и акъылк1э
зэригъэзахуэти щ1эуэ зыгуэр къыхихт.
Апхуэдэу ц1ыхубэм и нэгу щ1эк1а, гурэ псэк1э зэхищ1а, л1эщ1ыгъуэк1эрэ зэк1элъыплъа
1уэхугъуэ гуэрхэр псалъэжьу дунейм къытехьэт. Зэман к1ыхьк1э зэхалъхьа псалъэжьхэр
къыддэ1эпыкъуу л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къыддэгъуэгурык1уащ. Иджырей зэманми сэбэп
къытхуохъу, куэдым урегъэгупсыс.
Псалъэжьхэр зэпкърыдох.
Псалъэжьхэм къыхощ лъэпкым и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр. Гъащ1эм узыщрихьэл1э 1уэхугъуэ
куэдми ехьэл1ащ: лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, унагъуэм илъ зэхущытык1эм, ф1ым щотхъу,
мыхъумыщ1агъ зыщ1эм и ныкъусэныгъэр ирегъэлъэгъуж, зрегъэщ1эж.
Псалъэжьхэм ягъэлъап1э лэжьыгъэр, шы1эныгъэр, губзыгъагъэр, жыджэрагъэр. Абыхэм
мык1уэмытагъэр, щхьэхынагъэр, щхьэщытхъуныгъэр, акъылыншагъэр ауан ящ1; щ1ыхьышхуэ
хуащ1 лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ. Ц1ыхухэм Хэкум теухуа псалъэжь куэди зэхалъхьащ.
Дахагъэм хуэгъэза псалъэжьхэми урохьэл1э.
Абыхэм 1еймрэ ф1ымрэ, пэжымрэ пц1ымрэ зэхэбгъэк1ыфу урагъасэ, мыхъумыщ1эхэм
ущахъумэ, «Пц1ым лъакъуэ щ1эткъым», «Ц1ыхуф1 и 1уэху мэк1уатэ». Псалъэжьхэм къыхощ
ц1ыхум зэман к1ыхьк1э зэригъэгъуэта губзыгъагъэр. Абыхэм и иджырей зэманми мыхьэнэм
захъуэжакъым : «Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ. », «Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э
ищ1ыркъым».
Псалъэжьхэм сыщелэжьым гу лъызмытэу къэнакъым абыхэм я къулеягъым. Гъащ1эм епхауэ зы
1уэхугъуэ гуэри щы1экъым псалэжьхэм къахэмыщу (Дэщ1ыгъу 1)
Классщ1ыб лэжьыгъэ а псалъэжьхэм теухуауэ езгъэк1уэк1ащ. Лэжьыгъэр этапит1у ек1уэк1ащ.
Япэ этапым епл1анэ классым щеджэ сабийхэм псалъэжьхэр ящ1эрэ ямыщ1эрэ кърисщ1эну
анкетированэ езгъэк1уэк1ащ. Абы ипкъ итк1э анкетэ зэхэзгъэуващ. (Дэщ1ыгъу 2)
Анкетэ зэпкъырысхыжам къигъэлъэгъуащ, сабийхэм и процент хыщ1рэ пл1ырауэ адыгэ
псалъэжьхэр зыщ1эр ик1и жызы1эфыр. Нэхъыбэ дыдэу сабийхэм жа1эхэм щыщ:
«Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс», « 1ей пщ1ауэ, ф1ы ущымыгугъыж», «Анэр нэм хуэдэщ, адэр
псэм хуэдэщ»- жыхуи1э псалъэжьхэр. Анкетэм псалъэжь изытхэфар процент мащ1э дыдэщ.
Сабийхэм къыхагъэщащ псалъэжьхэм теухуауэ нэхъыбэ къащ1эну зэрыхуейр, ик1и ди бзэр
къулей зэращ1ыр.
Анкетированэм и 1уэхур зэриуха щ1ык1эр диаграммэм къыщыгъэлъэгъуащ.
псалъэжьхэр ящ1э
псалъэжьхэр ящ1экъым
Ет1уанэ этапым егъэджак1уэр си гъусэу классщ1ыб 1уэхущ1афэ едгъэк1уэк1ащ. «Псалъэжьхэр
губзыгъагъэщ», (Дэщ1ыгъу3) Лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ар си классэгъу ц1ык1ухэм
къазэрыщыхъуар. ( Дэщ1ыгъу 4). Абы нэмыщ1к1э сэ тхылъ ц1ык1у псалъэжьхэм теухуауэ
зэхэзгъэувэри си классэгъухэм тыгъэ яхуэсщ1ащ. (Дэщ1ыгъу5).
К1эух.
Псалъэжьхэм сэ куэдым сыхурагъэджащ, сыхуагъэсащ. Сэ псалъэжьхэр зэхуэсхьэсыфу, ар
1уэхугъуэ зытеухуамк1э зыхэзгъэк1ыфу, и мыхьэнэр къэзгъэнахуэфу зезгъэсащ ик1и быдэу
къызгуры1уащ псалъэжьхэр тщ1эн щ1ыхуейр.
Псалъэжьхэм дэ куэдым дыхурагъаджэ: лэжьыгъэм, ныбжьэгъугъэм, еджэныгъэм, адэ-анэм,
Хэкум дазэрыхущытыным хуейм. Апхуэдиз губзыгъагъэ зыхэлъ псалъэжьхэр къыбдо1эпыкъу и
дуней тетык1эр зи хуэдэм ук1элъыплъыжыным, къэплъытэным.
Си къэхутэныгъэр къызыщ1эскъуэжмэ, мурад згъэувар згъэзэщ1ащ.
Къэхутэныгъэ езгъэк1уэк1ам къыхэсхащ: псалъэжьхэр тщ1эн зэрыхуейр, абы ди бзэр къулей
зэрищ1ыр, ди гъэсэныгъэр здынэсыр къызэригъэлъагъуэр.
Литературэ къэзгъэсэбэпахэр:
1.«Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр».-урокым щаджым нэмыщ1 къызэджапхъэ тхыгъэхэр, 3-4
классхэм папщ1э.
2.Ержыб Аслъэн , Анэдэлъхубзэ е 2- нэ класс.
3.Сонэ Абдулчэрим, Дол Хъусен, Анэдэлъхубзэ е 3- нэ класс.
4.Кугъуэт Лол, Кугъуэт Елизаветэ, Анэдэлъхубзэ е 4- нэ класс.
5.Сыкъун Хь. Хь, Сыкъун И. Хь., Къэбэрдей-шэрджэс-урыс-инджылыз-тырку словарь
6. Шаов, К . Г . Адыгские пословицы и поговорки . Издательство: Нальчик: Эльбрус.
7. КъардэнгъущI Зырамыкущ. “Адыгэ псалъэжьхэр”
Информационнэ ресурсхэр:
1.Адыгэбзэ - адыгэпсэ 1уэры1уатэ дыщэ пхъуантэ, proshkolu.ru http://yandex.ru/clck/jsredir
2.1уэры1уатэ, stapico.ru, http://yandex.ru/clck/jsredir
Дэщ1ыгъу 1
Тема
Псалъэжьхэр
Псалъэжьхэм я мыхьэнэр
Лэжьыгъэм ехьэл1а
1.Гъэмахуэ махуэм
щIымахуэ псор егъашхэ.
2.Псалъэмакъ щыкуэдым
Iуэху щымащIэщ.
3.ЛэжьэкIэмыщIэм и
Iуэху хэщIыркъым
1.Гъэмахуэм щIым фIыуэ уелэжьмэ,
щIымахуэм пшхын къытепхынущ,
умылажьэмэ, гъавэ уиIэнукъым, зыри
бгъуэтынукъым, жыхуиIэу аращ
2.Псэлъамэ Iуэхур зэфIагъэкIыу, ауэ пэрыхьэн
хуей хъумэ лъэныкъуэ щызрагъэзыжым и деж
жаIэр
3. ЛэжьэкIэ зымыщIэм къыздыщIидзэнури
зэриухыжынури къыгурыIуэркъым, Iуэхум и
кIуапIэр ищIэркъыми, IэкIуэлъакIуэу
хухэгъэщIыркъым.
Акъылыф1эмрэ
акъылыншэмрэ
ехьэл1а
1. Акъыл зиIэм
зытеджалэр и былымщ.
2.Акъылым уасэ
иIэкъым, гъэсэныгъэм
гъунэ иIэкъым
3.Делэм зэхибзэнщ,
губзыгъэм зэхихыжынщ
1Акъыл зиIэм и хъерыр къызыпэкIуэр и
губзыгъагъэрщ, жыхуиIэщ.
2.Акъылым нэхърэ нэхъапэ щыIэкъыми,
аращ, «уасэ иIэкъым», щIыжаIэр.
Гъэсэныгъэр узыущиймрэ езы гъащIэмрэ
къапыпхыу ара- щи, абы упсэуху хэхъуэурэ
щытын хуейщ.
3.Делэм Iуэхур зэIегъыхьэри, губзыгъэм ар
зэхихыжын хуей мэхъур.
ЛIыгъэм,
хахуэныгъэм, зауэм
ехьэл1а
1.Куэдщ жыпIэу
ущымышынэ, мащIэщ
жыпIэу утемыгушхуэ.
2.Къуэшыр ущыту
къыромыгъэщI,
къыращIа и ужьым
зыщIомыгъакъуэ.
3.ЛIыгъэм гугъэр и
гъусэщ
1.Бийм и бжыгъэр куэдщ, жыпIэу я къарур
здынэс умыщIэу, ущымы- шынэ, лIыгъэ
зыхэгъэлъ, мащIэщ жыпIэуи умыбэлэрыгъ,
уатемыгуш- хуэ, лIыгъэ гуэр
къалъыкъуэкIынри хэлъщ.
2.«Къуэшыр ущыту къомыгъэукI, яукIауэ
урихьэлIэмэ, укъыщхьэщы- мыж: абы есэнущ,
щыгугъ хъунущ, и щхьэ
хуэхъумэжыфынукъым.
3.Зи къарум къигъэгугъэ цIыхум хужаIэ.
Апхуэдэу, мы жыIэгъуэм къокIыр, гугъэр
уиIэмэ, абы уи гур къыщIиубыдэу, лIыгъэ
къып- хилъхьэу, узыщыгугъын
щумылъагъужым деж гур кIуэдыгъуафIэ
зэрыхъури.
Ныбжьэгъугъэмрэ
пэжыныгъэмрэ
ехьэл1а
1.Гузэвэгъуэр
ныбжьэгъу
гъэунэхупIэщ.
1.IуэхукIэ умыгъэунэхуауэ ныбжьэгъур
зищIысыр пщIэнукъым. Гузэ- вэгъуэ уиIэ
хъумэ, къыпкъуэувэращ ныбжьэгъу пэжкIэ
узэджэнур.
2.Дыгъужь зи
ныбжьэгъум къугъыкIэ
ищIэн хуейщ.
3.ЗэныбжьэгъуитI Iыхьэ
зэхэх яIэкъым.
2.ЦIыху бзаджэ ныбжьэгъу пщIымэ ещхь
ухъунщ, жыхуиIэщ.Мы жыIэгъуэр
адыгэбзэкIэ тхыжауэ нэгъуэщIыпIэ дыщри-
хьэлIакъым, ар скобкэм дэту къэтхьа урыс
псалъэжьым къытекIауэ шэч дощI.
3.ЗэныбжьэгъуитI зэрыгъэпэжу зэбгъэдэтмэ,
сысей щыIэкъым, зым иIэр адрейми иIэм
хуэдэщ, жыхуиIэщ.
Насыпым, нэмысым,
хабзэ зехьэным
теухуа
1. ЗышыIэ зиIэм насып
иIэщ.
2.Нэмыс зыдэщымыIэм
насыпи щыIэкъым.
3.Хабзэр фIымэ –
бзыпхъэфIи тырах, хэкур
мыхъумыщIэм,
IэщIагъэншэр и бэщ
1.ТэмакъкIыхьагъыр цIыхур
зэрыгъэсам и нэщэнэщ, апхуэдэхэм на-
сып къыдокIуэр, жыхуиIэщ.
2.Зэныкъуэкъум, хабзэншагъэм къишэр
насыпыншагъэщ, жыхуиIэщ.
3.ХабзэфIыр куэдым къызэдащтэ; къэрал
Iуэхур езыгъэфIэкIуэн лэжьыгъэ щымыIэмэ,
Iуэхуншэр куэд мэхъу, езы къэралми
зиужьыр- къым, жыхуиIэщ.
Жьымрэ щ1эмрэ я
зэхущытык1эм
теухуа
1.Жьым щытхъуи щIэр
къащтэ.
2.Жьым щхьэ ядэшх,
щIэм лъакъуэ ядэшх.
3.Зи нэхъыжь едаIуэ и
Iуэху мэкIуатэ
1. Нэхъыжьым и чэнджэщ зэхьэлIэ, пщIэ
хуэщI, щIалэгъуалэм Iуэхур зрегъэхьэ,
жыхуиIэщ.
2.Жьыми щIэми зегъэзэгъ, жыхуиIэщ. Адыгэ
хабзэкIэ Iэщыщхьэр нэхъыжь Iыхьэм,
лъакъуэр нэхъыщIэ Iыхьэм щыщхэщ.
3.Нэхъыжьым гъащIэ илъэгъуащ, абы и
чэнджэщым Iей ухуигъэзэ- нукъым,
жыхуиIэщ.
Ц1ыхум и дахагъым
лъэгъуныгъэм
теухуа
1.Дахэу ябз дахэу
ядыжыркъым.
2.Дахэр зыгъэдахэр и
щэнщ.
3.Дахагъэм дагъуищэ
егъэпщкIу.
1.ФIагъ псори зым бгъэдэлъкъым, дагъуэ
гуэр зимыIэ щыIэкъым, жыхуиIэщ.
2.ЦIыхур зыгъэдахэр и теплъэркъым,
атIэ и хьэл-щэн дахэрщ.
3.Дахагъэм дихьэхам, цIыхум и хьэл-
щэнымрэ и акъылымрэ гу щы- лъимытэж
къохъу, жыхуиIэщ.
Дэщ1ыгъу 2
Анкетэ.
Си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ! Сыныволъэ1у мы упщ1эхэм жэуап къефтыну.
1. Фэ псалъэжь фщ1эрэ ? Щ1эфтхъэ: НТ1Э ХЬЭУЭ
Фщ1эмэ, щапхъэ къэфхь:
2. Псалъэжьхэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщ1эну фыхуей?
Щ1эфтхъэ: НТ1Э ХЬЭУЭ
3. Дауэ къэвбжырэ, псалъэжьхэр ди бзэм хэтын хуей?
Щ1эфтхъэ: НТ1Э ХЬЭУЭ
4. Псалъэжьхэм ди бзэр къулей ящ1у къэфлъытэрэ?
Щ1эфтхъэ: НТ1Э ХЬЭУЭ
Дэщ1ыгъу 3.
Лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ар си классэгъу ц1ык1ухэм къазэрыщыхъуар.
1. Проект гъэзэщ1энымрэ, классщ1ыб 1уэхущ1афэ сызыхэтам псалъэжь куэд къызигъэщ1ащ.
Абыхэм я мыхьэнэхэр къэзгъэнахуэну яужь ситщ. Псалъэжь куэди гук1э зэзгъэщ1ащ.
2. Сэ къызгуры1ащ, псалъэжьхэр адыгэ 1уэры1уатэм и 1ыхьэ нэхъ удэзыхьэххэм зэрыщыщыр. Дэ
абыхэм дыхуагъасэ ф1ым, пэжыгъэм, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъу щ1ыныгъэм. Псалъэжьхэм
дыхуаущий нэхъыжьхэм, адэ-анэм пщ1э хуэтщ1у, гугъуехьым дыщымышыну дыкъэхъуным.
3. Зэпеуэ ек1уэк1ам сф1эхьэлэмэту псалъэжьхэм селэжьащ. Псалъэжь куэд щ1эуэ къэсщ1ащ.
Абыхэм 1ущагъ яхэлъщ, ди бзэр нэхъ къулей, нэхъ шэрыуэ ящ1.
4. Зэпеуэ ек1уэк1ар сигу ирихьащ, ик1и псалъэжь куэд къэсщ1ащ. Гъащ1эм и 1уэхугъуэ псоми
ехьэл1ащ ахэр. Псалъэжьхэр к1эщ1щ, ауэ гупсысэ куу я1эщ. Абыхэм адэ-анэм, нэхъыжьхэм,
ныбжьэгъум пщ1э, нэмыс яхуэпщ1у ухуегъасэ. Иджы псалъэжьхэр зэрыт тхылъ ц1ык1ур си
столыщхьэм тек1къым. Ахэр зэзгъащ1эу си бзэм къыщызгъэсэбэпыну сыхэтщ. Ахэр уи бзэм
шэрыуэу къэбгъэсэбэпыфмэ, уи псалъэгъухэр къыдыбохьэхыф.
Дэщ1ыгъу 4.
1эрыщ1 тхылъ ц1ык1у .
“Дыщэ пхъуантэ”
«Лэжьыгъэм»
«Акъылыф1эмрэ
акъылыншэмрэ»
«Зауэм, л1ыгъэм,
хахуэныгъэм»
«Ныбжьэгъугъэмрэ
пэжыныгъэмрэ».
Арму и унэ
лъэбышэщ.
Армур мэз кIуэмэ,
арэфым жьитI гуэту
къешэ .
Банэ хуэдэ
зэхэплъхьэр данэ
хуэдэу
зэхэпхыжынщи,
Данэ хуэдэ
зэхэплъхьэр, банэ
хуэдэ зэхэпхыжынщ.
Акъыл былымщ.
Акъыл зимыIэм
уэуейр ептын?
Акъыл зиIэм
жагъуэгъу
(фыгъуэгъу) и куэдщ.
Акъыл зиIэм
зытеджалэр и
былымщ.
Акъыл зиIэм и
Iуэхур махуищщ,
Анэм лIыуэ
къилъхуащ.
Батырыбжьэр зи
щIасэу, шэ хэсыныр зи
жагъуэ.
Бацэжь и щIагъ
лIыхъужь къыщIокI.
Бзаджэ щIэныр
лIыгъэкъым,
лIыгъэр – фIы
пщIэнырщ.
Гупыр зыгъэгупыр
гуп и уасэщ.
Гъусэ бзаджэ
пщIыгъуу мыщэм
уемыбэн.
Дыгъужь зи
ныбжьэгъум
къугъыкIэ ищIэн
хуейщ.
Жагъуэгъум и кIапэ
нэхърэ ныбжьэгъум и
хъудырыпс.
Бжьэ зезыхуэр хум
елэжьым и
Iыхьэгъущ.
Бланэ щеуэр нэхущщ.
Былымыр
къэгъуэтыгъуейкъым –
хъумэгъуейщ.
Бэшэчыныгъэмрэ
лэжьыгъэмрэ
зэфIамыгъэкIын
щыIэкъым.
ВакIуэлIыр
хуэмыхумэ, пашэвыр
мэхъуакIуэ.
ВакIуэлIхэр щIыр
къыщапщкIэ
зэхуолъри, гъунэ
щралъэм зокIуж.
Выгъашхэри зобзеиж.
Гуащэ зи цIэр, гуащэ
хъумэ, унэлъащIэр
щIэ мэхъуж .
Губгъуэ махуэм
мышынэр, зауэми
щышынэркъым..
Губзыгъэр зэрыпщIэр
и Iуэхурщ.
Гуэн нэщI щыIэщи,
хадэ нэщI
щыIэкъым.
Гъавэ зытетым бжьын
жылэ трепхъэ.
Гъатхэ дыгъэм
кIагъуэпскIэ
уегъэпскIри, бжьыхьэ
дыгъэм тхъупс
къыптрекIэ.
Гъэмахуэ махуэм
щIымахуэ псор
егъашхэ.
Гъэм бзэрабзэу
къекIухь, щIым
хьэдагъэр егъэш.
Гъэмахуэ шылэм
мылыр къещып.
акъылыншэм и
махуэ махуищэщ.
Акъыл зиIэм имыIэ
щыIэкъым.
Акъыл зиIэм
уеущиймэ, фIыщIэ
къыпхуищIынщ,
акъылыншэм ауан
укъищIынщ.
Акъыл зиIэм шыIэ
иIэщ.
Акъыл зиIэми
щыуагъэу иIэр
зэхуэпхьэсмэ,
Iуащхьэшхуэ
хъунщ.
Акъыл зиIэр
акъылыншэми
йочэнджэщ.
Акъыл зиIэр куэд
и уасэщ.
Акъыл зиIэр си щIыб
ису къезухьэкI.
Акъыл кIэщIыр бзэгу
кIыхьщ.
«Акъыл уэстын,
хьэмэрэ былым
уэстын?» –
щыжиIэм, «акъыл
къызэти, былымыр
сэ
къэзгъуэтыжынщ»,
жиIащ.
Гупсысэр акъылым и
анэщ.
Акъылым уасэ
иIэкъым,
гъэсэныгъэм гъунэ
иIэкъым.
Акъылым хьэлъагъ
иIэкъым –
уригъэзэшкъым.
Акъылыншэм
ахъшэр
хуэсэбэпкъым .
Бийм ущысхьмэ, уIэгъэ
ухъунщ.
Бийр къыпщытхъурей
хъумэ, умыбэлэрыгъ.
Бийр къыщоплъкIэ, уи
щхьэми уи лъакъуэми
йоплъ.
Бзури и абгъуэ
щытепщэщ.
Бэр зэкъуэтмэ,
текIуэныгъэщ.
Губгъуэм
ущымыкъэрабгъэ,
унэм
ущымылIыхъужь.
Унэм
ущымылIыхъужь,
губгъуэм
ущымыкъэрабгъэ.
Унэм щыпылщ,
уэрамым
щыджэдущ.
Дауэм и кIэр зауэ
хъумэ, зимыIуэхури
хокIуадэ.
Джатэ къихакIэ
къыпхуэжэм
ущымыщти,
къуэгъэнапIэм
къыкъуэтым
хуэсакъ.
Джатэм и щIагъ нанэ
щыIэжкъым.
Джатэм и щIагъи
пэжыр жыIэ.
Джатэр ижмэ, щабэщ.
Джатэр тыным я
тыныжщ .
Джэду здэщымыIэм
дзыгъуэ щоятэ.
Ем улъыхъуэу
зыпумышэ,
зыкъыппишэмэ,
умыдзыхэ.
ЗэмыщхьитI
зэхуэзэркъым.
ЗэныбжьэгъуитI Iыхьэ
зэхэх яIэкъым.
Зэныбжьэгъур – зи
акъылитI зэтехуэращ.
Къуэш егъу нэхърэ
ныбжьэгъуфI.
Ныбжьэгъу зи бэр
къанэри, былым зи
бэр хэкIуэдащ.
Ныбжьэгъу Iыгъыныр
ху жылэ хъумэным
хуэдэщ
Ныбжьэгъу зешэныр
шыфI зешэным
хуэдэщ.
Ныбжьэгъужьрэ
дыжьыныжьрэ.
НыбжьэгъуитIыр
зэхуэзыгъэплъыр
мафIэ гъэплъам
есыж.
Уи ныбжьэгъур
хэтми къызжеIи, уэ
узищIысыр
бжесIэнщ.
Щхьэж и ныбжьэгъу и
гъуджэ-мажьэщ.
Ныбжьэгъумэ я нэхъ
гуапэмрэ къуэшмэ я
нэхъ егъумрэ
зэхуэдэщ.
ФIым уригъусэмэ,
фIы уохъу, Iейм
уригъусэмэ, Iей
уохъу.
Пхуэмыфащэ
пашэгъу пщIымэ, уи
анэ мыгъуэ
пхуищIынщ.
Уи дагъуэр
къыбжезыIэр уифIщ,
Гъэмахуэм
къыумылэжьыр
щIымахуэм
бгъуэтыжыркъым.
ГъукIэныр арму
IэщIагъэщи,
пхъащIэныр
IэщIагъэ щабэщ.
ГъущIыр кIэщIу
пыупщIи пхъэр
кIыхьу пыупщI.
Емыкъум еплъи,
дэзышым еуэ.
Жыгыр зыгъэдахэр
пхъэщхьэмыщхьэщ,
цIыхур зыгъэбжьы-
фIэр и Iуэху
щIафэщ.
Зи Iуэху дахэм и
щхьэри дахэщ.
Жыжьэу маплъэ,
благъэу мэтIыс.
Жылэр Iэпхъуэмэ,
гуащэм къаз егъэхъу.
Жылэр щыIэпхъуэм
гуащэр къазыхъуэ
мэхъу.
ЖыIэгъуафIэ щхьэкIэ,
щIэгъуейщ.
Жэм зыдыгъур
мэунэхъу, джэд
зыгъэхъур мэунэ.
Жэхафэр
щхьэцыкIэкIэ
епхъэнкI.
Жьым къихьыр псым
ехьыж.
Жьым тесу псым
йопыдж.
Жьырытэдж –
шатэшхщ.
Зи Iуэху егугъур сыт
щыгъуи дыгъэм япэ
къотэдж.
Акъылыншэр
псэуми, лIащ,
акъылыфIэр лIами
псэущ.
Акъылыр лъэмыжщ,
пэжыгъэр
лIыхъужьщ,
нэхъыжьыфIыр
гъуазэщ.
Акъылыр нэмысщ,
былымыр насыпщ.
Акъылыр нэмысщи
былымыр насыпщ.
Акъыл щIыхьщи,
мылъкур насыпщ.
Акъылыр щагуэшым
шыпсыранэм хэсащ.
Акъылыр ящэркъым
икIи къащэхуркъым
– зыхалъхьэ.
Акъылыр Iуэхум и
лъапсэщ.
АкъылыфIэм
делэм бзэ
къыхуегъуэт.
АкъылыфIэщ
зыхужаIэм
къыбжиIэн
игъуэтынщ.
Бажэм я нэхъ Iущыр
гъуэм къыщаубыд.
Бзур зыIэтыр
дамэщ, цIыхур
зыIэтыр акъылщ.
Былым гупым
былым яхыхьэм
мэтэдж.
Гупсыси псалъэ,
зыплъыхьи тIыс.
ГушыIэкIэ
зымыщIэр
IэштIымкIэ мауэ.
Делагъэм
уритепщэ нэхърэ,
Ем щыгъуэ
бжьэдыгъур зэшщ.
Жыжьэм тIэу
сыщылIи, благъэм зэ
сыщымылIэкIэ.
Зауэ джэгурэ дауэ
джэгурэ щыIэкъым.
Дауэрэ зауэрэ
джэгукъым.
Зауэ езыгъажьэ и
щхьэ лажьэ хохуэж.
Зауэ зыщащIа
къуажэрэ ябгынэжа
хэкужьрэ.
Зауэ тхъэгъуэ
щыIэкъым.
ДауэфIрэ зауэфIрэ
щыIэкъым
Зауэ уIэгъэншэ
хъуркъым.
Зауэм и кIэр хьэдагъэщ.
Зауэм уIухьэмэ, уи
Iыхьэ IущIыхь.
Зауэм хэту джатэ
хьэху яткъым.
Зауэр жьэкIэ
зэхаублэри зэрызауэр
Iэщэщ.
Зауэрейр сыт щыгъуи
къэрабгъэщ.
ЗимыщI ис щауэр
убзалэщи, бланэм шэр
техуэмэ, псыхъуажэщ.
Зы махуаем зумыгъэлI,
зы махуэлIым
зумыгъашэ, зы
дзэхушэм зумыгъэхь.
ИкIикI умыукIытэ,
икIикI ущымысхь.
Имыгъуэу уи джатэ
къыумых, къипхамэ,
илъагъуу зыбзыщIыр
уи бийщ.
Унэ къыбдимысарэ
гъусэ
къыпхуэмыхъуарэ я
хьэл пщIэркъым .
ЩIыгум и цIыху
икIабэ гущэмэ
зыщыхъумэ уей, /
Пхъумэным я нэхъ
ищхьэ гущэри –
ныбжьэгъуфIщ, уей.
Щхьэж хуэфащэ и
щауэгъущ, шыд
хуэфащэн и
лъахъэщ.
Щыгъыным и щIэр,
ныбжьэгъум и
жьыр.
Я дэ ди Тхьэ,
ныбжьэгъухэм
сащыхъумэ уэ,
жагъуэгъухэм сэ за-
щысхъумэжынщ.
Укъащтэу ныбжьэгъу
хьэшхыпIэ
къыумынэ.
ЦIывыр уи пашэм,
вэнвейм ухешэ.
ЦIыхур
ныбжьэгъуншэ
гущэмэ – дзыхь
хуумыщI жи, уей.
Шы бэгуитI
зэхъуэгъущ .
ПщIэгъуалэ утесмэ,
иц щыщ
къыпхохуэ. .
ТIу зэгухьэмэ,
къарущ.
Уи дагъуэр
къыбжезыIэр
уифIщ, илъагъуу
зыбзыщIыр уи
бийщ.
Жьыуэ гъуэлъи
жьыуэ тэдж.
ЖьэкIэ маисэщ,
IэкIэ сэмэгущ.
ЖьэрыIэзэ Iэпэзадэ.
НэрыIэзэ Iэпэзадэ.
Зауэм Iухьэмэ,
лIыхъужь, губгъуэм
ихьэмэ, алъпыжь.
Зигу мызагъэм Iэмбатэ
гъунэ къехь.
Зи мэрамысэ
зыхуэмыщIыжыр
гъунэгъум
жэмыкуэщI макIуэ.
Зи унэ хьэлIамэ
щызымыщIыфыр я
гъунэгъум
хьэлыуащIэ макIуэ.
Зи щхьэ Iуэху
зыхуэмыщIэжыр хамэ
IуэхукIэ ерыщщ.
Зи Iуэху
зыхуэмыщIыжыр
хьэлыващIэ я
гъунэгъум макIуэ.
акъылым
урипщылIым
нэхъыфIщ.
ДелитI зэзауэмэ,
ещанэр йоплъ.
Делэ гуэшэгъу
нэхърэ, губзыгъэ
дауэгъу.
Акъылыншэр уифI
нэхърэ акъыл зиIэр
уи бийм нэхъыфIщ.
Делэр уи ныбжьэгъу
нэхърэ, акъыл зиIэр
уи бийм нэхъыфIщ.
Делэм зэхибзэнщ,
губзыгъэм
зэхихыжынщ.
Делэм сэ сыфIокI,
губзыгъэр езыр
къысфIокI.
Делэмрэ сабиймрэ
Iуэху ныкъуэух
ирагъэлъагъуркъым.
Жэщым и дахэр
мазэгъуэщ, цIыхум
и дахэр акъылщ.
Зы акъыл нэхърэ
акъылищэ.
И щхьэм жьыуейр
щызопщэ.
лIыгъэншэу иумылъ-
хьэж.
Куэдщ жыпIэу
ущымышынэ, мащIэщ
жыпIэу утемыгушхуэ.
КъикIуэт уи
земыкIуэгъу.
КъимыкIуэт лIы
бланэщ.
ЛIы здашэ
щIэупщIэркъым.
Къуэшыр ущыту
къыромыгъэщI,
къыращIа и ужьым
зыщIомыгъакъуэ.
КъуэгъэнапIэ
фочауэщ.
Къыщебгъэтхъмэ,
къэрабгъэри
лIыхъужь хъункIэ
мэхъу.
ЛIэным лIыгъэ хэлъщ.
ЛIы зыукIар хейуэ
хэкIыжыркъым.
ЛIы и псалъэ
епцIыжыркъым.
ЛIы и псалъэ тIэу
жыIэкъым.
Нарт и псалъэ
епцIыжыркъым.
ЛIы ищIа
иIуэтэжыркъым .
ЛIы пхам лIы
еуэркъым.
АжалитI
щыщымыIэкIэ, а зы
лIэгъуэм лIыгъэ
хэлъхьэ.
Уи мыщауэгъу гъусэ
умыщI.
УкIытэншэ пэшэгъу
умыщI.
Ныбжьэгъур зэман
гъэкIуэдщ.
Псоми я
ныбжьэгъур зыми я
ныбжьэгъукъым
Къуажэ ив нэхърэ,
къуажэ илI.
Ныбжьэгъу хуэдэ
мэзекIуэ, дыгъужь
хуэдэ мэдзакъэ.
Гупыр зыгъэукхъуэр
кхъуэм хуэдэщ.
Гъусэ бзаджэ
пщIыгъуу мыщэм
уемыбэн.
Гъусэ дей
*
нэхърэ,
Iэщэ дэгъуэ.
Гъусэ хуэмыху
нэхърэ, хьэфI.
Джэдыгум езым
хуэдэр и щыдэжынщ.
Педагогика - еще материалы к урокам:
- Классный час ко Дню Народного Единства
- Календарно-тематическое планирование педагога-психолога на 2023-2024 учебный год
- План работы наставника с молодым педагогом (учитель начальных классов, 1-й год работы в школе)
- Презентация "Промышленный альпинист"
- Табель учета питания обучающихся
- Презентация "Артикуляция гласных звуков"