Конспект урока "Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр" 2 класс

АдыгэбзэмкIэ урок зэIуха 2 классым
Темэр: «Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.»
Мурадыр: Псалъэ лъабжьэм еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын, ар
псалъэхэм къыщагъуэтыфу егъэсэн.
- Псалъэ зэлъабжьэгъухэр къегъэгъуэтын.
- Сабийхэм я бзэм зегъэужьын.
Урокым ехьэлIапхъэхэр:
- Презентацэ.
- ДжэгукIэхэр.
- Тхылъ «Адыгэбзэ» 2 класс, 2013 гъэ, Тау Жантий.
- Рабочэ тетрадь,2015 гъэ, Балэ Людэ.
Урокым и екIуэкIыкIэр:
1. Урокым и пэублэ.
Ди уэзджынэри къеуащ –
Ди урокми щIидзащ.
Дэ дыкъэкIуащ мыбы деджэну,
Дымыщхьэхыу дылэжьэну.
- ЦIыкIухэ, иджыпсту дэ адыгэбзэ урок диIэнущ. Дэ пытщэнущ ди
бзэм и щэхухэр къэтхутэну. Сытым щыгъуи хуэдэу ноби
дыкъэхутакIуэнущ.
(Слайд № 2)
- Дахэу дотIысри къабзэрытхэм щIыдодзэ: Ху, гу, ку, …
- АдэкIэ къыпыдощэ Iупэр хъурей зыщIу къапсэлъ хьэрф зэгуэтхэр.
2. Къабзэрытхэ.
(Слайд № 3)
- Мы хьэрфхэмкIэ къыщIидзэу псалъэ зырыз егъэтхын Сыт? упщIэм
жэуап хуэхъуу.угу, гуащэ, куэбжэ, 1уданэ, гъуджэ, хъурмэ, къуаргъ,
к1урк1унау, кхъужь) (Зэгъусэу гъэлэжьэн, къегъэджэжын)
-Сыт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр сыт хуэдэхэра?
(Слайд № 4)
3. Гупк1э гъэлэжьэн: 1 гупым Хэт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр
къыхегъэтхык1ын, 2 гупым Сыт? упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр,
3 гупым — сыт ищ1эрэ упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр: мажэ,
бадзэ, дадэ. жеящ, пы1э, мэл, мэлыхъуэ, щ1алэ, хадэ, мэлъатэ,
хъыджэбз, еджэнущ.
-Къегъэджэжын. Хэт? Сыт? Упщ1эхэм жэуап хуэхъу псалъэхэр сытк1э
къащхьэщык1рэ урысыбзэм?
4. ТемэщIэр егъэджын.
(Слайд № 5)
- Къуажэхьыр къэщIэн: «Гъатхэм дегъэгуфIэ, гъэмахуэм
дегъэщIыIэтыIэ. Бжьыхьэм дегъашхэ, щIымахуэм дегъэхуабэ». (Жыг)
- Къуажэхьым и мыхьэнэр жегъэIэн..
- «Жыгыр зэрыпсэур и лъабжьэрщ, цIыхур и лэжьыгъэрщ».
- Псалъэжьым и мыхьэнэр жегъэIэн, тетрадым ирегъэтхэн.
5. Темэм телэжьыхьын.
1) -Сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэхэр «лъабжьэ» жыхуиIэ псалъэм:
*щхьэцым, дзэм, Iэбжьанэм лъабжьэ яIэщ,
*лъабжьэр IуэхуфI гуэрхэм я къыщIэдзапIэщ.
*къэкIыгъэхэм я лъабжьэщ.
(Слайд № 6)
«КъэкIыгъэхэм ещхьу, лъабжьэ псалъэхэми яIэщ».
-Хэт къыгуры1уауэ п1эрэ, ц1ык1ухэ, нобэ дызытелэжьыхьыыну
темэр?
-Темэр: «Псалъэ лъабжьэр. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.»
(Слайд № 7)
Нобэ дэ къыщыткIухьынущ лъабжьэм и дунейм.
-Сыт хуэдэ мурадхэр дгъэувыфыну п1эрэ?
(Слайд № 8)
-Мурадыр:
-Зэдгъэщ1энущ:(лъабжьэр зищ1ысыр)
-Зедгъэсэнущ:..(псалъэ лъабжьэр къыхэдгъэщхьэхук1ыфу)
-Щ1эуэ къэтщ1энущ:.. (псалъэ зэлъабжьэгъухэр къызэрыхъур)
2) –Сыт лъабжьэр зищIысыр?
- Таурыхъым егъэдэIуэн:
Зы губгъуэ гъэщIэгъуэн гуэрым лъабжьэхэр къыщетIысэхащ.
Абыхэм гъэщIэгъуэну псынщIэу заужьырт. Лъабжьэхэм къудамэ-
псалъэ цIыкIухэр къатехъукIырти фIащащ зэлъабжьэгъу. Ахэр зы
адэм ейти иджыри фIащащ зэлъэпкъэгъу. Абыхэм зэдайуэ хэт Iыхьэм
абы лъандэрэ лъабжьэкIэ йоджэ. КъызытехъукIа адэм и хьэтыркIэ
псалъэ зэлъэпкъэгъухэм лъабжьэм унэ цIыкIу хуащIащ лэгъупыкъум
ещхьу.
(Слайд № 9)
- Мы лъабжьэм къытедывгъэхъукIыт псалъэ зэлъабжьэгъу. (Iэ)
(Слайд № 10)
3) Езыр-езыру гъэлэжьэн: гупк1э псалъэ зырыз етын, псалъэ
зэлъабжьэгъу къытегъэхъукIын: УНЭ, МЭЗ, НЭ. (я лэжьыгъэхэр
доскам к1эрегъэлъхьэн, къегъэджэжын)
(Слайды № 11-13)
нэ-унэкъуэщ, унэшхуэ, унэлъэгу, унащхьэ.
Мэз-мэзхъумэ, мэзышхуэ, мэзылъэ, мэзыжь.
Нэ-нэгъуджэ, нэшхуэ, нэрыплъэ, нэщ1ащэ.)
4) Нап. 89 тхылъымкIэ, правилэм дыкъоджэ.
-Сыт зэдайуэ псалъэм хэт Iыхьэм зэреджэр?
-Сыт хуэдэ псалъэ зэлъабжьэгъукIэ зэджэр?
(Слайд № 14)
5) Лэжьыгъэ 166, нап. 88. (условием тету гъэзэщIэн)
- Псалъэхэр зэлъабжьэгъу гупищу зэхэтхыкIын.
- Сыт фэ къыщIэфлъытэр псалъэ гуп къэс хыхьэ псалъэхэр
зэлъабжьэгъуу?
6. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.
Фэ фезэшауэ къыщIэкIынщ?
ИIэт зэуэ фыкъэтэджыт.
Лъакъуэ цIыкIухэмкIэ дытопкIэ:1-2-3,
Ди Iэ цIыкIухэмкIэ Iэгу доуэ: 1-2-3.
ЗыдогъэкIэрахъуэ, зыкъыдогъэкIэрахъуэжри
Ди партэхэм дыдотIысхьэжыр.
Ди нэ цIыкIухэр зэтыдопIэ,
Тхум нэсыхуи дэ къыдобж: 1-2-3-4-5.
Зэтыдохыр, догъэджэгур
Ди лэжьыгъэм щIыдодзэжыр.
7. ТемэщIэр егъэбыдылIэн.
1)- Иджы, цIыкIухэ, псалъэ зэлъабжьэгъухэр псынщIэу
къызэрывгъуэтыфым сеплъынщ. Иджыпсту диктант цIыкIу
ттхынщ. Сэ псалъэухахэм сыкъыфхуеджэнщ, фэ псалъэ
зэлъабжьэгъухэр къэвубыдурэ къыхэфтхыкI:
Шыр псы йофэ. Бгым псынэ цIыкIу къыщIож. ПщIантIэм
псыкъуий дэтщ. Динэ псылъэм псы изу ирикIащ. Уэшх нэужьым
псыхьэлыгъуэхэр мажэ.
(Слайды № 15-20)
- Ятхам къегъэджэжын.
- Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн.
(Слайд № 21)
2)- Мы сурэтым псалъэ зэлъабжьэгъухэр къыщыдывгъэгъуэт:
(Бдзэжьей, бдзэжьеишхуэ, бдзэжьеящэ.)
3) «Псалъэ лейр» къэгъуэтын.
(Слайд № 22)
а) Iэ, Iэбжьанэ, Iэдэ, Iэлъэ.
б) Лъэгу, лъэдий, лъэгуажьэ, лъэгущIэуэ.
(Слайд № 23)
в) Къаз, къазыхъу, къазыц, къазыхъуэ, къазэщ, къазмакъей.
--Доскам щылэжьэху карточкэкIэ гъэлэжьэн:
Карточкэ 1.
-Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн:
1) Тхылъ, тхылъылъэ, тхылъышхуэ.
2)Нэ, нэрыплъэ, нэщIащэ.
3) Жэм, жэмэщ, жэмыхъуэ, жэмыш.
Карточкэ 2.
-Псалъэхэм я лъабжьэр къэгъэлъэгъуэн:
1) Мэз, мэзылъэ, мэзышхуэ.
2) Пхъэ, пхъэшхуэ, пхъэбгъу.
3) Унэ, унэкъуэщ, унэшхуэ.
4) ДжэгукIэ «Псалъэхэм я лъабжьэгъухэр къахуэгъуэтыжын»
(Слайды № 24-25)
Нэмыс Шэнтжьей
Шэнт Тхылъылъэ
Тхылъ НэмысыфIэ
Жэм Iэщыхъуэ
Iэщ Джэдэщ
Джэд Жэмыш
5) Ребусхэр къегъэщIэн.(джэдык1э)
- ДжэдыкIэ псалъэм и лъабжьэгъухэр къэгъуэтыжын, ахэр хэту
хъыбар цIыкIу зэхегъэлъхьэн.
(Слайд № 26)
Гъатхэм ди джэдым джэдыкIэ куэд къикIэцIащ. Мамэ
джэдкъуртыр джэдэщым щигъэгъуэлъхьэжащ. Абы джэджьей
цIыкIу куэду къришащ. Сэ ахэр согъашхэ.
-Псалъэ зэлъабжьэгъухэр егъэтхын, лъабжьэхэр
къыхэгъэщхьэхук1ын: Джэд, джэдыкIэ, джэдкъурт, джэдэщ,
джэджьей.
6. Рабочэ тетрадымкIэ гъэлэжьэн.
- Нап. 115-115-м ит лэжь. 2-4-хэр условием тету гъэзэщIэн.
8. Урокыр къызэщIэкъуэжын.
- Сыт нобэ щIэуэ къэтщIар? Сыт дызытепсэлъыхьар?
- Сыт лъабжьэр зищIысыр?
- Сыт хуэдэ псалъэ зэлъабжьэгъукIэ зэджэр?
- Псалъэ зэлъабжьэгъухэр къэдгъуэтыфу десауэ пIэрэ? ИIэт
дыджэгуурэ къэдывгъащIэт. опыр яхуэдзурэ псалъэ жепIэм и
лъабжьэгъу къегъэхьын: (Жэм-жэмыш, мэл-мэлыхъуэ, джэд-
джэдэщ, шыгъу-шыгъулъэ, мэз-мэзхъумэ, тхылъ-тхылъылъэ, унэ-
унащхьэ, щ1алэ-щ1алэф1,усэ-усак1уэ, къаз-къазыц).
(Слайд № 27)
9. Унэ лэжьыгъэр етын: Псалъэхэм псалъэ зэлъабжьэгъу
къытегъэхъукIын: ЖЭМ, ШЫ, МЭЛ.
- ЦIыкIухэ, хэт нобэ ди урокыр игу ирихьами, зыгуэр щIэуэ къищIами
фи смалик цIыкIухэмкIэ къэвгъэлъагъуэт!
(Слайд № 28)